Творческие работы моих учащихся
на кабардино-черкесском языке.
Мини-сочинения.
Напэм ипэ псэр ихуэ
Эльчепарова Дана, МКОУ «СОШ №1»
с.п. Малка Зольского района КБР
«Напэм ипэ псэр ихуэ» псалъэ Iущхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Пэж дыдэу, напэм пэпщI хъун зыри щыIэкъым.
Напэ иIэщ жиIэмэ, абы къызэщIеубыдэ куэд: цIыхугъэ, пэжыгъэ, лIыгъэ, пщIэ, нэмыс, укIытэ, гущIэгъу, хьэтыр, н. Дунейм цIыхуу тетыр напэ хужь къабзэ зехьэным хущIэкъуу щытын хуейщ.
Иджыпсту ди ныбжьым елъытауэ дэри зыкъом тхузэфIэкIыну си гугъэщ. Iеймрэ фIымрэ зэхыдогъэкIыф, цIыхухэм фIы къытхуащIэмэ, ди гуапэ мэхъу, дыщогуфIыкI. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэри къызэрытхущытым ещхьу абыхэм дахущытыжыным, я гум дызэремыуэным дыхущIэкъун хуейщ. Ди адэ-анэхэм нэхъыжьхэм нэмыс хуэщIын хуейуэ дыхуагъасэ, хьэщIэ къытхуеблагъэм дызэрыпежьэн хуейм щыгъуазэ дыхуащI, зэрытхузэфIэкIкIэ зыгуэрым дыдэIэпыкъун зэрыхуейр махуэ къэс къыджаIэ. ПцIы упсын зэрыхумейр дызэрыцIыкIу лъандэрэ зэхыдох икIи абы дытету къысщохъу. Зэ еплъыгъуэкIэ мыбы зыри пхуэмыгъэзэщIэн хэткъым. Ауэ ар бгъэзащIэу, нэгъуэщIхэри абы къыхуебджэу, цIыхугъэмрэ адыгагъэу тхэлъымрэ дгъэбагъуэу щытмэщ цIыху нэсу дыкъыщалъытэнур, напэ дызэриIэр къыщащIэнур. ЗэкIэ тхузэфIэкI мащIэр дгъэзащIэмэ, Iуэхушхуэхэми дымышынэу дыпэрыхьэфынщ.
Дэтхэнэ зы цIыхуми къыщигъэнэн хуейщ гъащIэм и лъэужь. А лъэужьыр зыхуэдэнур зэлъытар хэлъа хьэл-щэныращ. Дахэу, щапхъэ игъэлъагъуэу щытамэ, и цIэр фIыкIэ куэдрэ ягу къэкIыжынщ.
Зи напэр темыкIын цIыху Тхьэм псори дищI!
Напэм ипэ псэр ихуэ
Пшуков Астемир, МКОУ «СОШ №1»
с.п. Малка Зольского района КБР
«Напэм ипэ псэр ихуэ» псалъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Напэ уимыIэ нэхърэ, улIэмэ, нэхъыфIщ, жиIэу аращ абы. Ар пэж дыдэуи къызолъытэ. Напэ иIэщ жаIамэ, абы къелъэлъагъуэ зыхужаIам хьэл-щэныфI куэд зэрыхэлъыр: нэмыс зыхуэщIыпхъэм хуещI, зыдэIэпыкъун хуейм дэIэпыкъуэгъу ирегъэгъуэт, гулъытэ хуэныкъуэм – хуещI. ЦIыхугъэм нэгъуэщI Iэджи хэбгъэхьэ хъунущ: пэжыгъэкIэ цIыхум бгъэдэтыныр, пцIы упсыным пэжыжьэу щытыныр, псэ зыIут псоми хуэсакъын, фIыуэ лъагъун зэрыхуейр, хьэлэлу псапэ пщIэуэ дунейм узэрытетыныр, уи лъэпкъымрэ хэкумрэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр сытым дежи уи гум илъу, абыхэм пхузэфIэкI яхуэпщIэу упсэуныр. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхум и дуней тетыкIэр сыткIи щапхъэу щытын хуейщ.
Сабий ирибгъэсэну щапхъэ нэсу сэ собж Нало Заур и «ЦIыху напэ» балладэм къыхэщ гъуэгурыкIуэлIым къигъэлъэгъуа лIыгъэр. Удыр илъэсищкIэ къызыкIэлъыкIуа напэр, укIытэр абы зэрихъуэжыни, зритыни щымыIэу къыщIыкIащ. ЛIыр и напэм зэрепцIыжын фIыгъуэ щыIэтэкъым. Напэ уимыIэжу, укIытэ пхэмылъыжу укъанэ нэхърэ умыпсэужыххэм нэхъыфIу къилъытащ абы. Аращ куэдрэ мыгупсысэу арэзыуэ и бзи, и ни, и пси напэ лъапIэм щIыщIитар. ЦIыху пэжым, напэ зиIэм дэплъэгъун хуей хьэлхэр къыхэщащ балладэм.
Дэри дыхуэсакъыу тхъумэн хуейщ адыгэ напэр. Адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ, пщIэмрэ нэмысымрэ я Iэпэгъуу псэуну цIыху псори къыхузоджэр. Аращи, цIыхугъэ зыхэдвгъэгъэлъ, дывгъэхъумэ ди цIыху напэр.
Зэзауэ лъэныкъуитIми фочышэу яутIыпщыр зытехуэр анэм и гурщ
Дугужева Виолета, МКОУ «СОШ №1»
с.п. Малка Зольского района КБР
Дэтхэнэ Анэм дежкIи быным нэхърэ нэхъ лъапIэ дунейм теткъым. Абы дежкIэ сыт хуэдэ ныбжьым ит бынри сабийщ, абы и нэIэ зэи тригъэкIыр-къым. ЩIэкIамэ, къыщIыхьэжыху и нэр бжэмкIэ щыIэу ехь и гъащIэрэ. Быным щхьэкIэ зытемыгушхуэни имыщIэфыни щыIэу къыщIэкIынкъым, уеблэмэ, и псэри итыфынущ. Псом хуэмыдэу Хэку зауэшхуэр Анэм дежкIэ гъэунэхуныгъэ инт, гуащIэт. А зэманым сыт хуэдиз бэлыхь я псэм телъа зи бын зауэм Iута анэхэм?! Письмо кIапэ къаIэрыхьэм я гуфIэгъуэшхуэу ирахьэкIащ зауэ лъэхъэнэр. Ашэбей къуажэм дэкIри цIыху 347 фронтым Iухьащ, къэзыгъэзэжар 225-рэщ. Анэ куэд я бынхэм Iуплъэжакъым, я нэм нэпсыр къыщIэжу бынхэр ягъеящ, дунейм тетыхукIэ. «Фочышэу яутIыпщыр зытехуэр анэм и гурщ» – мыхьэнэшхуэ зыхэлъ псалъэхэщ мыхэр. А гупсысэр къыщыIэтащ ди тхакIуэ, усакIуэ куэдым я тхыгъэхэм. Балъкъэр Боусэт и «Гугъэм и лъэрыгъ» поэмэм къыхэщ Гуащэнэ гуауэшхуэ зи нэгу щIэкIа анэщ. Абы и къуэрылъху цIыкIур нэмыцэхэм зэраIэщIэкIуэдар къыщищIам абы бэлыхьу телъар хурикъунт. Абы и ужькIэ и нэкIэ илъагъуу и нысэ Линэ щхьэпылъэ ящI, ар игу темыхуэу мэгъуэг, мэкIий, иужькIэ къызэфIомахэ. Гуауэшхуэр и гум тогъуалъхьэ, фочышэу къытохуэ абы и бынхэм къащыщIар. Уи гур егъэуз ар зыпэмыплъэж и къуэ Хьэмыщэ къыщыкIуэжам зэрыщыгуфIыкIам. И нэм зыри имылъагъуми, абы гурэ псэкIэ, лъэ макъкIэ и быныр къицIыхуат. Аращ, анэм быным хуиIэ лъагъуныгъэр гуащIэщ, «Быным сыт хуэдэ гуауэ къыщыщIми, зытехуэр анэм и гурщ»щIыжаIэр.
Дэтхэнэ анэми бын гузэвэгъуэ алыхьым иримыгъэлъагъу!